Четверг, Апрель 25, 2024

Конкурсные работы

    Редадэ и къуэм къыхуигъэна уэсятым иIэ мыхьэнэр

    Сэ икъукIэ сыдихьэхыу седжащ Редадэ  теухуа хъыбарыжьхэм. Абыхэм къызэрыхэщымкIэ, ар икъукIэ лъэщт. КъызэрыгуэкI цIыхум хэмылъ къару егъэлея зэриIэм нэмыщIкIэ, Редадэ икъукIэ цIыху Iущт, акъылышхуэ зыбгъэдэлът. Ар и щхьэгъусэм зэрыхущытыр, и бынхэр зэригъасэр, ныбжьэгъухэмрэ и цIыхухэмрэ яхуищI пщIэр – а псор зыхузэфIэкIынур егъэлеяуэ цIыху щыпкъэрщ.

    Редадэ и къуэхэм къахуигъэна уэсятщ: «Псори фызэгъусэмэ, сыт щыгъуи бийм фытекIуэнущ». Абы къыгурыIуэрт, цIыхум сыт хуэдиз къару бгъэдэмылъми, и щхьэ закъуэкIэ бийм зэрыпэмылъэщынур. И къуэхэр зэрыIыгъыу, фIыуэ зэрылъагъуу, зэрылъытэу ззрызэхущытыр зылъагъу дзэри, езыхэр нэхъ зэрыIыгъынущ. Дзэ псом я унафэщIу ущытыныр тыншкъым. Ахэри уэ ебгъэлъагъу щапхъэм тетынущ. Абыхэми хьэкъыу япхигъэкIыну хэтт зэрымыIыгъмэ, зылI и быну бийм япэщIэмыувэмэ, лъэпкъым гъащIэ зэримыIэнур. Ди адыгэ лъэпкъым и гъащIэр ипэкIэ зыгъэкIуэта пщыхэм ящыщщ Редади. Ар хуейт лъэпкъыр зы ищIу зы бии къызытемыкIуэн къэралыгъуэу адыгэхэр игъэпсэуну. Арат абы и къуэхэр зэрыIыгъыным, зэрылъытэным щIыщIигъэджыкIыр.

    «Узэкъуэтмэ – улъэщщ» щIыжиIэр аращ адыгэ псалъэжьым.

    Тайсай Къантемыр, Налшык, 11-нэ курыт еджапIэ
    ЕгъэджакIуэр: Хьэмжу Венерэ

    Работы участников