Фразеологизмхэр зыхэт хъыбар кIэщI.
Иджыпсту хуэдэу сощIэж пщыхьэщхьэкIэрэ зытрагъэуну, загъэпсэхуну хьэблэдэс нэхъыжьхэр ди унэ щызэхуэсу зэрыщытар. Абыхэм хьэлэмэт куэд къаIуэтэжырт. Сигу къинэжащ Хьэмид къыщыщIауэ щыта зы Iуэхугъуэ гуэр. Абы жиIэжырт: «Зауэ нэужь илъэсхэрати, дызыхуэныкъуэр куэдыкIейт: ерыскъы, щыгъын, гъэсын. Сэ сыщIалэ тыкъырт, унагъуэм зыгуэркIэ зыщIэзгъакъуэми хъунут, ауэ кIэфий сепщэу сыдэтыным зыдезгъэхьэхырт. Махуэ гуэрым си адэм къэрэкъурэхьэ сыкIуэну къызжиIащ. Сэ, дауи, ныбжьэгъу гъусэ сиIэу сыдэкIащ. Къэрэкъурэу къэтщыпам нэхърэ дызэрыджэгуар нэхъыбэу пщыхьэщхьэхуэкIуэу дыкъэкIуэжащ. Къэсхьыну гъэсыным щыгугъхэри нэгъуэщI зэрагъэпэщатэкъым. Пщыхьэщхьэшхэ дыхэмыту дыгъуэлъыжын хуей хъуащ. Уи ныбэр нэщIу хьэлIамэ гъэва ужеинт – нэху щыху си нэбдзыпэ зэтеслъхьакъым. Ар дерс схуэхъуауэ пщэдджыжьым жьыуэ гъэсыныхьэ сыдэкIащ, махуэм дызрикъуни
къэсхьащ».
Щоджэн Тамилэ, Малкэ, 1-нэ курыт еджапIэ.
ЕгъэджакIуэр: ЛъэнкIэпIашэ Фатимэ.