Среда, Декабрь 11, 2024

Конкурсные работы

    Редадэ и къуэм къыхуигъэна уэсятым иIэ мыхьэнэр

    Редадэ уIэгъэ щыхъуам и къуэр къырригъаджэри  уэсэт хуищIащ. Абы и псалъэхэм къыхигъэщащ адыгэ мин бжыгъэхэм я гъащIэр ди Хэку дахэм и хуитыныгъэр ихъумэн зэрыхузэфIэкIар. Сыт хуэдэ бэнэныгъэми зауэми узэкъуэтмэ, быдэу узэрыIыгъмэ, упэщIэтыфыну зэрыщытыр  Сантемыр и фIэщ ищIыфащ. Хэкумрэ къызыхэкIа лъэпкъымрэ нэхъапэ зыри зэрыщымыIэм, ар хъумэн зэрыхуейм къыхуриджащ.  Сыт щыгъуи лъэпкъыр, Хэкур япэ игъэщын зэрыхуейр зэи зыщамыгъэгъупщэу псэуну къажриIащ. Зэшхэр псори зэгъусэмэ, сыт щыгъуи бийм зэратекIуэнур мызэ-мытIэу къытригъэзэжурэ я фIэщ ищIащ.

    Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъуныгъэмрэ цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэ-зэдэIэпыкъуныгъэмрэ IуэхуфI куэд къешэ.

    ЦIыхубэ зэкъуэтым къыпэлъэщын къару зэрыщымыIэм шэч хэлъкъым. А псом къыхуриджащ фIыуэ илъагъу и лъэпкъэгъухэр.

    Пщыкъуэ Ислам, Малкэ, 1-нэ курыт еджапIэ.
    ЕгъэджакIуэр: ЛъэнкIэпIашэ Фатимэ

    Работы участников