Зэгуэрым федэ1уа пщэдджыжьыпэм бзу ц1ык1ум къриш уэрэдым? Фщ1эрэ абы къывжи1эр? «Сыту унасыпыф1э уэ! Мы пщэдджыжь дахэм къыщ1этэджар узыншэу, сыту унасыпыф1э! Зи Хэкум и хьэуа 1убыгъуэк1э махуэр зыпежьэр, сыту унасыпыф1э!» - къреш и уэрэдыр бзу ц1ык1ум. Пэж дыдэу, сыту сынасыпыф1э сэ! Узыншэу нэху сыкъек1ауэ, бзу ц1ык1ум и уэрэдым сыщ1одэ1у, дыгъэ бзийхэр си нэк1ум къодэхащ1э, мы си гум хьэуа къабзэк1э зегъэнщ1! Феда1уэт, бзу ц1ык1ум и бзэр адыгэбзэщ, ар си анэм и бзэщ! «Уи пщэдджыжь ф1ыуэ, сипхъу ц1ык1у!» - къызже1э а бзэмк1э си анэ дыщэм. Фыщ1эдэ1ут фэри бзу ц1ык1ум.
Ар пщэдджыжьк1эрэ къывдогуашэ насыпк1э. Зыщывгъэнщ1, фыхуэсакъ, вгъэбагъуэ нэхущым къыфхуихь насыпым! Фыдэгуашэ абык1э ц1ыхухэм!
Тхыгъэхэр зэрызэмыщхьым гу лъыфтэну сыхуейт. "Насып" псалъэм еджак1уэхэм щ1алъхьэ мыхьэнэ зэхуэмыдэхэм уэ уи гур зэрымыжар уогъэщ1агъуэ. Тхьэм игъэпсэу еджак1уэри апхуэдэу абы дэлажьэ егъэджак1уэ гъуэзэджэри!
АВТОР: БЭРБЭЧ КАМИЛЛЭ, НАЛШЫК КЪАЛЭ, 17 ЕДЖАП1Э. ЕГЪЭДЖАК1УЭР: ТХЬЭЩЫГЪУЕЙ АРИНЭ.