Насып щ1экъуныр – арщ насыпыр»
Насып… Дунейр къызэриухуэрэ цIыхур зыщIэхъуэпс псалъэ дахэр дэнэ щы1э? Сэ сызэрегупсысымкIэ, насыпыр ц1ыхум къыдалъху ик1и Iыхьэ куэду гуэшауэ нэрыбгэ къэси къыдогъуэгурыкIуэ. Зым адэ-анэр хуэпсэууэ, къыдалъхуар хуэузыншэрэ яшхын-ящIэн ягъуэту балигъыпIэм иувэмэ, ар зы насып гъуэгуанэу ебж. Адрейм еджапIэр къыщиухкIэ, насыпыр – ар IэщIагъэ зэгъэгъуэтынырщ. Адрейм хелъагъуэр насыпыр к1апэм, напэри щыгъупщэжауэ. Сыт хуэдэ мылъкури зыми щыщкъым адыгэм адыгагъэр щыгъупщэмэ, хуэмысакъым ныбжьэгъугъэм, адэм и псалъэм, анэм и лъагъуныгъэм. Щы1эхэщ иджыри ц1ыху псэун папщ1э мышхэу, ат1э шхэн папщ1э псэухэуи.
Сыт ат1э сэрк1э насыпыр? Жэуапу хуэзгъуэтыр зыщ - «насып» щы1экъым, щы1эр насыпыф1э узыщ1 щы1эк1эхэрщ. Ат1э, сыт сэ насыпыф1э сызыщ1ыр? Сещ1 сэ насыпыф1э си анэм и гуф1э макъым, си Инжыдж и даущым, си Къэсейхьэблэжь и нэхущым, си адыгэбзэмк1э хуиту сызэрыпсалъэм, адыгэу сыкъызэрыхъуам…
Сэ зыкъэсщтэжмэ, сынасыпыф1эщ, ауэ насыпым и тхьэбзэ телъщ си гущхьэм. Ар зэи сымылъэгъуа ик1и зи 1эф1агъэр зыхэзмыщ1а си адэм и тхьэбзэщ. Сэ си л1акъуэ сыкъызыхэк1ами, сызып1ами яхуэфащэу сыпсэунущ. Си гум телъми тхьэбзэр - Тхьэм зэи ц1ыху тхьэбзэгъуджэ симыщ1к1э!
Автор: ЦАГЪУЭ ДАЯНЭ, КЪШР, ХЬЭБЭЗ КЪУАЖЭ. ЕГЪЭДЖАК1УЭР: ШЭРДЖЭС РАСЬЯТ